КЪШКЪА-М ЩЫТЕПСЭЛЪЫХЬАЩ УРЫСЕЙМ И ЛЪЭПКЪХЭМ Я ЗЭКЪУЭТЫНЫГЪЭМ

26.04.2026
Просмотры: 303

Черкесск къалэм адэ-анэхэм я зэIущIэ щызэхэтащ, «Знание» урысейпсо зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщар. Ар траухуащ Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм. Адэ-анэхэмрэ студентхэмрэ я пащхьэм зыкъыщагъэлъэгъуащ Батчаевэ Мадинэ, Пхъэшх Иринэ, имам Семэн Динислам, Никольскэ соборым и щоджэн Гурин Александр сымэ. ЗэIущIэм хэтхэр къытеувыIащ жылагъуэм я зэгурыIуэм, мамырыгъэм и мыхьэнэм, щIалэгъуалэм я гъэсэныгъэм. Александр хэку лъагъуныгъэм и лъабжьэхэм, лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и гугъу ищIащ. Лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и щапхъэхэри къахуихьащ, Хэкум нобэ и къыщхьэщыжакIуэхэми дзэ Iуэху хэхам лIыгъэ зэрыщагъэлъагъуэм къытеувыIащ. Адэ-анэхэм упщIэхэр ятащ зэIущIэр щиухым.

 

303