АРХИЕПИСКОП ФЕОФИЛАКТ КЪЫЩЫПСЭЛЪАЩ ПЯТИГОРСК КЪЭРАЛ УНИВЕРСИТЕТЫМ И ЗЭIУЩIЭМ

22.04.2026
Просмотры: 367

Пятигорск къэрал университетым Урысей МВД-м и управленэ нэхъыщхьэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ къудамэм семинар-зэIущIэ щекIуэкIащ, щIалэгъуалэм я деж Iуэху мыщхьэпэхэр къыщымыгъэхъунымрэ ар зэрызэфIэпхынумрэ теухуауэ. Зэхыхьэм щызэхуэсащ къэрал унафэщIхэм щыщхэр, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, лъэпкъ Iуэхухэмрэ щIалэгъуалэмрэ я министерствэхэм, дин лIэужьыгъуэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм щыщхэр.

 ЗэIущIэр къызэIуихащ полицэ IуэхущIапIэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI,  полицэм и генерал-полковник Бачурин Сергей. Абы къыхигъэщащ балигъыпIэ имыувахэм я деж къэралым и мызакъуэу, КИФЩI-м и щIыналъэхэм щIэпхъэджащIэхэр зэрыщыбагъуэр. Полицэм и генерал-полковникым къыхигъэщащ зэхыхьэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр – Iуэху зэIумыбзхэр зэрызэфIахыну Iэмалхэр, щIэблэр Iуэху мыщхьэпэхэм щахъумэным хуэунэтIахэр, нэгъуэщIхэм щIэпхъэджагъэм хамышэным и IуэхукIэ.

Семинарым къыщыпсэлъащ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я  архиепископ Феофилакт, Кавказ Ищхъэрэм и муслъымэнхэм я ЗэзыгъэуIу центрым и унафэщI, Шэшэн Республикэм и муфтий Межиев Сэлахь, Ставрополь крайм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Смагинэ Марие, Дагъыстэн республикэм и министр Бучаев Яхья.

ЗэIущIэм хэтхэр тепсэлъыхьащ ныбжьыщIэхэм хабзэр къызэпемыгъэудыным зэрыпэщIэтынум, лъапIэныгъэхэм ахэр хэгъэгъуэзэнымкIэ IуэхущIапIэхэм, дин зэгухьэныгъэхэм я пщэрылъхэм, къэрал IуэхущIапIэхэм щIалэгъуалэр шынагъуэншагъэм пэIэщIэ щыщIыным, гъащIэ узыншэм хэшэным и IуэхукIэ зэрадэлэжьэнум. Зэхыхьэм хэтахэм къыхагъэщащ Iуэхум теухуа программэхэр ягъэзэщIэн папщIэ я Iуэху бгъэдыхьэкIэхэмкIэ зэхъуэжэн зэрыхуейр.

 

 

367
Фотогалерея