ЕССЭНТIЫГУ СТАНИЦЭМ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭ КЪЫЩЫЗЭIУАХАЩ СТАВРОПОЛЬ МИТРОПОЛИЕМ И ЩИХЪХЭМ ЯТЕУХУАУЭ

25.04.2026
Просмотры: 456

2026 гъэм мэлыжьыхьым и 14-м Ставрополь крайм и щIыналъэ 32-м къыщызэIуахащ «Собор святых Ставропольской митрополии» гъэлъэгъуэныгъэр. Ар ягъэхьэзыращ Ставрополь крайм архив IуэхухэмкIэ и комитетымрэ Ставрополь митрополиемрэ.

Гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуихащ ЕссэнтIыгу станицэм Тхьэм и Анэм и Успения члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Еланцев Сергий. Ар къытеувыIащ Урыс Чристэн Члисэм и щихъ 14-м я гъащIэм, къулыкъум, фIэщхъуныгъэм, Ставрополь и тхыдэм пыщIэныгъэ быдэ хузиIэхэр. Архив къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Фидлер Наталье щихъхэм тепсэлъыхьащ, Ставропольем щыпсэуахэм, Христос папщIэ зи псэ зытахэм. Сергийрэ Архив къудамэм и лэжьакIуэхэмрэ упщIэхэм жэуап иратащ, языныкъуэхэм псалъэ гуапэхэр ятхащ.

***

Ставрополь митрополием и Соборым и щихъхэм я списокыр 14 мэхъу, абы щыщу 12-р Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэщ. Синод ЛъапIэр 2025 гъэм бадзэуэгъуэм и 24-м абы щыхьэт техъуащ. Махуэшхуэр накъыгъэм и 13-м япэу ягъэлъэпIэнущ.

 

 

 

456
Фотогалерея