КИСЛОВОДСК И ЧРИСТЭН САБИЙ ГЪЭСАПIЭМ IУТIЫЖЫМ ЩЫIУЩIАЩ

24.04.2026
Просмотры: 242

Кисловодск къалэм Тхьэм и Анэм и  «Скоропослушница» тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ и Крестовоздвиженскэ члисэм и чристэн сабий гъэсапIэм IутIыж гуфIэгъуэр щекIуэкIащ. Сабийхэм теплъэгъуэхэр ягъэхьэзыращ, урыс цIыхубэ таурыхъхэр я лъабжьэу, уэрэдхэр жаIащ, усэхэм къеджащ. Адэ-анэхэр Iуэхум жыджэру хэтащ, IутIыж джэдыкIэхэр ягъэжащ, къэфащ сабийхэм я гъусэу. Дэтхэнэ унагъуэми IутIыж IэрыкI къихьащ, музыкэ пэшыр зэрагъэдэхар. Зэхыхьэр щиухым щоджэн нэхъыжь Лиманов Гермоген махуэшхуэр щиухым зэхуэсахэм ехъуэхъуащ Христос и IутIыжымкIэ, адэ-анэхэм щIыхь тхылъхэр яритащ зэпеуэм зэрыхэтам папщIэ, сабийхэм – IутIыж саугъэтхэр.

 

242