УНАФЭЩIЫР САБИЙ ГЪЭСАПIЭМ ЩЫХЬЭЩIАЩ

23.04.2026
Просмотры: 289

Щихъхэу, бэлыхь куэд зрагъэшэчахэу Верэ, Надеждэ, Любовь, абыхэм я анэ Софие и цIэр зезыхьэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Иванилов Роман щыIащ Суворовскэ станицэм и сабий гъэсапIэ №18-м. Роман сабийхэм яхутепсэлъыхьащ IутIыжым махуэшхуэр зэрагъэлъапIэм, «Христос Воскресе! ФIэхъусым и мыхьэнэм, IутIыж джэдыкIэхэм я нэщэнэм. Сабийхэм концерт ягъэлъэгъуащ. Театр теплъэгъуэхэр ятащ, усэ къеджащ, Христос лIахэм къазэрыхэтэджыкIыжам теухуауэ. Зэхыхьэр щиухым щоджэным сабийхэм IэфIыкIэхэр яритащ. Апхуэдэ зэхыхьэхэр хабзэ дахэ хъуащ. 

 

289