Константиновскэ станицэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ еджакIуэхэмрэ щоджэн Хлынов Кириллрэ я зэIущIэ. Щоджэныр еджакIуэхэм Христос лIахэм къазэрыхэтэджыкIыжам теухуа махуэшхуэм яхутепсэлъыхьащ. Махуэшхуэм и мыхьэнэм, иджырей IутIыж хабзэхэм и гугъу яхуищIащ. НыбжьыщIэхэм буклетхэр хуагуэшащ, Урыс Чристэн Члисэм и Псапэ къудамэм игъэхьэзырахэр.