СТУДЕНТХЭМ ЗЫХАГЪЭГЪУЭЗАЩ УРЫС ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩИХЪХЭМ

19.04.2026
Просмотры: 261

2026 гъэм мэлыжьыхьым и 16-м  «Россия — моя история» музей-выставкэ комплексым щекIуэкIащ Пятигорск къэрал университетым и студентхэмрэ щоджэн Хлынов Кириллрэ я зэIущIэ.

 «Час духовного наследия» — арат еджакIуэхэмрэ студентхэмрэ щоджэным щыIущIам и фIэщыгъэр. ФIэщхъуныгъэм теухуа щIэхэр къащIащ, упщIэхэмкIэ щоджэным зыхуагъэзащ. Христос и IутIыжым, Урыс щIыналъэм и щихъхэм тепсэлъыхьащ.

ЗэIущIэм хыхьэу студентхэм ятащ щихъхэмрэ тхьэнапэхэмрэ теухуа упщIэхэр, тхьэлъэIум и мыхьэнэм, нэгъуэщIхэм теухуахэр.

Кирилл зэIущIэм хэтахэм яхуигуэшащ Синод псапэ къудамэм IутIыжым теухуауэ игъэхьэзыра хъыбарегъащIэ буклетхэр.

 

261