УНАФЭЩIЫР ЩЫIАЩ ТЕЗЫРХЭР ЩРАГЪЭПШЫН ЦЕНТРЫМ

14.04.2026
Просмотры: 418

Христос лIахэм къащыхэтэджыкIыжа махуэм Прохладнэ къалэм и Покров члисэм и унафэщI щоджэн Калинин Евгений щыIащ УФСИН-м КъБР-м щиIэ тезырхэр щрагъэпшын центр №1-м. Щоджэныр центрым и нэIэм щIэтхэм махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ икIи IутIыж куличхэр яритащ Христос лIахэм къазэрыхэтэджыкIыжам и гуфIэгъуэмкIэ ехъуэхъури.

Евгений тезырхэр зрагъэпшыныжхэм буклетхэр яритащ IутIыж махуэшхуэм ирихьэлIэу, Синод псапэ къудамэм игъэхьэзырахэр.

Щоджэным пенитенциарнэ IуэхущIапIэм и унафэщIым фIыщIэ хуищIащ зэрызэдэлэжьам папщIэ.

418