Ф1ЭЩХЪУНЫГЪЭ ЗИ1ЭХЭМ ЕХЪУЭХЪУАЩ ХРИСТОС И IУТIЫЖЫМКIЭ

12.04.2026
Просмотры: 542

IутIыж нэхум и махуэшхуэмкIэ фIэщхъуныгъэ зиIэхэм ехъуэхъуащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэмрэ УФ-м и щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэмрэ.

 «ПщIэ зыхуэтщIу Кавказ Ищхъэрэм щыпсэухэ! Си гуми си псэми къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Христос лIахэм къащыхэтэджыкIыжа махуэшхуэмкIэ! Мы махуэшхуэр и дамыгъэщ гъащIэм, гуапагъэм, нэхъыжьхэмрэ щIэблэмрэ я зэпыщIэныгъэм. ФIэщхъуныгъэ зиIэ, зызымыхъуэж лъапIэныгъэхэм – псапэм, лъагъуныгъэм, захуагъэм - цIыху мелуанхэр зэкъуегъэувэр, щыжыIащ Президентым и полпред Чайкэ Юрэ и хъуэхъум.

 «Христос лIахэм къащыхэтэджыкIыжа махуэр – гъащIэм, лъагъуныгъэм, гугъэм я дамыгъэщ. А махуэшхуэм гулъытэ щыхуащI лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ, щэнхабзэ щхьэхуэ зиIэ цIыхухэр зэкъуэзыгъэувэ лъапIэныгъэхэм», - щыжиIащ Ставропольем и губернатор Владимиров Владимир и напэкIуэцIым.

 «ЛъапIэныгъэхэм зэрызэкъуигъэувэм, тхыдэ, щэнхабзэ щIэинхэр хъумэным, ахэр щIэблэм я деж нэхьэсыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и чристэн зэгухьэныгъэм и пщэрылъщ», - къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

 «Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр, гуапагъэмрэ захуагъэмрэ ахэр зэрыхущIэкъур – дызэкъуэзыгъэувэщ, нэхъ къарууфIэ дызыщIщ. Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым хыхьэу, лъапIэныгъэхэм, гуапагъэм, захуагъэм дызэрыхущIэкъумкIэ дэтхэнэ гугъуехьми дапэщIэтыфынущ, - къыхегъэщ Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэ Темрезов Рашид.

Пятигорск епархием фIэщхъуныгъэ зиIэ и цIыхухэм ехъуэхъуащ мамырыгъэ, насып, узыншагъэ яIэну.

 

542