IутIыж – гъащIэм и махуэшхуэ!

11.04.2026
Просмотры: 256

Сыт IутIыжыр зищIысыр?

Христос лIахэм къахэтэджыкIыжащ, игъащIэкIэ мылIэжыныпсэ хъури.

«Христос лIахэм къахэтэджыкIыжащ, мылIэжыныпсэ хъущ, дунейм ехыжахэм гъащIэкIэ яхуэупсэри».

IутIыж тропарь

IутIыжыр – чристэн диным и махуэшхуэ нэхъыщхьэщ, лIэныгъэм гъащIэр зэрытекIуам и махуэщ. Христос къэтэджыжащ, игъащIэкIэ мылIэжыныгъэ гъуэгур къызэIуихри! Ар пасэрей хъыбар къудейкъым, къэхъугъэщ. Дэтхэнэ зы цIыхуми и гъащIэм зезыгъэхъуэж къэхъугъэщ.

«Сэ мылIэжыныгъэмрэ гъащIэмрэ сращапхъэщ; зи фIэщ сыхъур, зэгуэр лIэми, къэхъужынущ».

 

IутIыжыр – гуфIэгъуэм, гугъэм, къэщIэрэщIэжыныгъэм я махуэшхуэщ.

«ипэжыпIэкIэ нывжызоIэ: си псалъэмрэ сыкъэзыгъэкIуамрэ едаIуэм мылIэжын гъащIэ иIэщ, лIэныгъэм къыхэкIыу гъащIэ иIэнущ».

Ин. 5:24

 

IутIыж хабзэхэр:

Зэгъусэ тхьэлъэIу

ФIэхъус «Христос лIахэм къахэтэджыкIыжащ!» - «ИпэжыпIэкIэ къахэтэджыкIыжащ!»

Куличхэмрэ джэдыкIэхэмрэ гъэнэхуныр

Унагъуэр зэдэшхэныр

 

Сыт IутIыжым нобэ мыхьэнэ щIиIэр?

Гузэвэгъуэ щыкуэд дунейм IутIыжым ягу къегъэкIыж: лIэныгъэм иужьрей псалъэ иIэкъым. Христос лIахэм къахэтэджыкIыжащ – аращи, гугъэрэ гуфIэгъуэрэ щыIэщ!

 

«ЛIэныгъэ! Дэнэ щыIэ уи кIэухыр? жыхьэрмэ! дэнэ щыIэ уи текIуэныгъэр?»

I Кор. I5:55

 

«гуэныхьыр зэрупшыныжынур – лIэныгъэщ, Тхьэр къызэрыпхуэупса – гъащIэр игъащIэкIэ Иисус Христос къуита гъащIэрщ, ди Тхьэм».

Рим. 6:23

 IутIыжым дэтхэнэ зыми пыщIэныгъэ хуиIэщ:

- Iейм фIыр зэрытекIуэр дигу къегъэкIыж.

- АдэкIэ узэрыкIуэтэну къару къыпхелъхьэ.

- Гъэгъуныгъэм, фIылъагъуныгъэм ухурегъаджэ.

 «Абы щIыгъуу дылIамэ, Абы щIыгъуу дыкъэтэджыжынущ»

2 Тим. 2:II

 

IутIыжыр – махуэшхуэ къудейкъым. Ар псэ зыIут Христос уIущIэну, и къарур зыхэпщIэну уезыгъэблагъэщ.

 

IутIыжыр зэхэщIыкI уиIэу дауэ зэрыбгъэкIуэнур?

 IутIыжыр – махуэ къудейкъым, IутIыж лъэхъэнэщ. Нэхъыщхьэр – Христос теухуахэм зыхэбгъэгъуэзэныркъым, атIэ Езым уIущIэнырщ!

 

- Члисэм укIуэу – IутIыжыр Члисэм дэбгъэкIуэнырщ;

- ТхьэлъэIум ухэтынырщ – ЛIахэм къазэрыхэтэджыкIыжам теухуа гуфIэгъуэр зэхэпхынырщ;

- Iыхьлыхэм уехъуэхъунырщ – IутIыж гуфIэгъуэр зэбгрыбгъэкIынырщ.

 

«ИпэжыпIэкIэ, ипэжыпIэкIэ нывжызоIэ: пIалъэр къоблагъэ, къэблэгъакIэщ, Тхьэм и Къуэм и макъыр лIахэм щызэхахынур, зэхаха нэужь къыщытэджыжынур».

Ин. 5:25

Христос лIахэм къазэрыхэтэджыкIыжар – дэтхэнэми гъащIэщIэ щIидзэнымкIэ Iэмалщ! «Ди Тхьэ, ЛIахэм къазэрыхэтэджыкIыжам и гуфIэгъуэр зыхэзгъащIэ!»

 

IутIыжыр дауэ мыхьэнэ иIэу зэрыбгъэкIуэнур?

- Гуэныхьхэр пIуэтэжу икIи щэхухэм зыщыбгъэгъуазэу – уи гур бгъэкъабзэу, лIахэм къахэтэджыкIыжа Христос Члисэм и ЩэхухэмкIэ гъунэгъу зыхуэпщIу;

- Гуапагъэ пщIэуэ – зи закъуэу псэухэм, сымаджэхэм, хуэныкъуэхэм уадэIэпыкъуу;

- Тхьэм уелъэIуу – IутIыж гуфIэгъуэр зылъысыр Тхьэм лъыхъуэрщ;

- Члисэ гъащIэм ухэту – Iутыж лъэхъэнэр махуэ 40 мэхъу: тхьэлъэIухэм фыкIуэ, Щэхухэм зыхэвгъэгъуазэ, лIахэм къазэрыхэтэджыкIыжам и хъыбар гуфIэгъуэмкIэ фыздэгуашэ!

 

IутIыжыр – хабзэ къудейкъым, псэр къыщыщIэрэщIэжщ. А махуэр Тхьэм пыщIэныгъэ зыхуиIэ гъащIэщIэм и щIэдзапIэ ирырехъу! ЛIахэм къахэтэджыкIыжа Христос гъунэгъу хуэхъуам и дежкIэ лIэныгъэр – кIэухкъым, атIэ мылIэжыныгъэщ.

«Псалъэ пэжщ: А,ы щIыгъуу дылIамэ, Абы щIыгъуу дыкъэтэджыжынущ».

2 Тим. 2:II

 

IутIыжыр - лъагъуныгъэмрэ псапэмрэ я зэманщ!

ЛIахэм къазэрыхэтэджыкIыжам и гуфIэгъуэр IуэхукIэ щIэвгъэбыдэфынущ:

Хуэныкъуэхэм фадэIэпыкъуу:

Ерыскъыпхъэхэр, фэилъхьэгъуэхэр, зыхуеину хьэпшыпхэр псапэ IуэхущIапIэхэм яIэрывгъэхьэфынущ

«Шхыныгъуэ къызэфтам… ипэжыпIэкIэ нывжызоIэ: Си бын нэхъыщIэхэм ящыщ гуэрым ар хуэфщIамэ, Сэри къысхуэфщIащ»

Мф. 25:35-40

Зи закъуэу псэухэмрэ сымаджэхэмрэ я деж фыкIуэ:

Гулъытэ яхуэфщI, IутIыж шхыныгъуэхэр яхуэфшэ е гуапэу фепсалъэ

«ФIэщхъуныгъэр IуэхукIэ щIэмыгъэбыдэжамэ, абы гъащIэ иIэкъым»

Иак. 2:I7

 

Псэкупсэ дэIэпыкъуныгъэ:

ЩытыкIэ гугъу ихуахэм Тхьэ фахуелъэIу, IутIыж гуфIэгъуэкIэ фыздэгуашэ

«Зым и гугъуехьыр адрейм дэвгъэпсынщIэ, апхуэдэ щIыкIэкIэ Христос и унафэр вгъэзащIэ»

Гал. 662

Христос лIахэм къахэтэджыкIыжащ!

 

256