2026 гъэм мэлыжьыхьым и 10-м Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Пятигорск къалэм Успенскэ Второафонскэ Бештаурскэ цIыхухъу къулъшырыфымрэ Спасскэ кафедральнэ соборымрэ тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ.
Къулъшырыфым щоджэнархимандритым Пащтыхь сыхьэтым щрикIуащ. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къулъшырыфым щыIэхэмрэ щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэмрэ.
Соборым архиепископ Феофилакт пщыхьэщхьэ, пщэдджыжь Щэбэт Ин тхьэлъэIухэр щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ соборым и щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ Пятигорск щыпсэухэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ. Пщыхьэщхьэ, пщэдджыжь тхьэлъэIу нэужьхэм Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэрэ гъэсэныгъэкIэ захуигъэзащ.