АРХИЕПИСКОП ФЕОФИЛАКТ ПЯТИГОРСК ЩРИГЪЭКIУЭКIАЩ ЛЪАКЪУЭ ТХЬЭЩIЫНЫМКIЭ КЪУЛЫКЪУР

10.04.2026
Просмотры: 615

2026 гъэм мэлыжьыхьым и 9-м, Махуэку Иным, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт пщыхьэщхьэ тхьэлъэIу литургиемрэ лъакъуэ тхьэщIынымкIэ къулыкъумрэ щригъэкIуэкIащ Пятигорск къалэм и Спасскэ кафедральнэ соборым.

Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ соборым и щоджэнхэм, тхьэлъэIу-иерархие дамыгъэхэр иратыжыну ирагъэблэгъа щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэм щыпсэухэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ. Щоджэн нэхъыщхьэм дамыгъэхэр иритыжащ щоджэнхэм.

Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл и унафэкIэ, архиепископ Феофилакт IутIыжым ирихьэлIэу гъэдэха жорыр зэрихьэну хуит ищIащ щоджэн нэхъыжь Чеканов Димитрий.

Архиепископ Феофилакт и унафэкIэ дыщафэ жорыр зэрихьэну хуит ищIащ щоджэнхэу Тамбиев Романрэ Тригуб Михаилрэ.

Орар тIуащIэ зэрихьэну хуит ящIащ къардэн Галумов Максим.

Гъэ къэси хуэдэу, тхьэлъэIу литургие нэужьым архиепископ Феофилакт лъакъуэ тхьэщIынымкIэ къулыкъур иригъэк1уэкIащ.

ТхьэлъэIу нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

 

 

615
Фотогалерея