2026 гъэм гъатхэпэм и 30-м Пятигорск епархием IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Сорокин Константин хэтащ Урысей МЧС-м Ставрополь крайм щиIэ управленэ нэхъыщхьэм и унафэщI Басов Николай зыхэта зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ ядэлэжьэнымкIэ Синод къудамэм и унафэщI, Ставропольскрэ Невинномыскрэ я митрополит Кирилл.
ЗэIущIэр траухуащ Ставрополь митрополиемрэ МЧС-м и управленэмрэ зэрызэдэлажьэм. Зэхыхьэм Ставрополь, Георгиевскэ епархиехэм и клирикхэмрэ МЧС-м и лэжьакIуэхэмрэ щытепсэлъыхьащ
- IуэхущIапIэм и Iэгъуэблагъуэм щыIэ члисэхэмрэ члисэ цIыкIухэмрэ щоджэнхэр епхын зэрыхуейм;
- мафIэс частхэм я нэIэм тет щоджэнхэр хэхын зэрыхуейм;
- благочиние къэс мафIэс зэгухьэныгъэу зы нэхъ мыхъуми къыщызэгъэпэщыным;
МЧС-м и унафэщIхэм Урысейм МЧС, мафIэс, аварие-къегъэлыныгъэ IуэхущIапIэу Ставрополь крайм щиIэм дэлэжьэным теухуауэ епархием и зэIущIэм къыщыхалъхьа жэрдэмхэр гъэщIэгъуэн ящыхъуащ. Апхуэдэу унафэщIым къыхигъэщащ епархиехэм мафIэсгъэункIыфI зэгухьэныгъэхэр къыщызэрагъэпэщынымкIэ зэрадэIэпыкъунур.