Константиновскэ станицэм и школым етхуанэ классым щIэсхэр щыIущIащ щIыналъэм и члисэм и унафэщI щоджэн Хлынов Кирилл. «Основы духовно-нравственной культуры народов России» дерсым щоджэныр еджакIуэхэм щыхутепсэлъыхьащ члисэ махуэшхуэхэм, къэблагъэ Христос и гуфIэгъуэ махуэм гулъытэ нэхъыбэ хуищIу. ЕджакIуэхэр хьэщIэм и гъусэу къытеувыIащ IутIыж махуэшхуэм и мыхьэнэм.