ВАИЙ ТХЬЭМАХУЭМ И ТХЬЭЛЪЭIУР АРХИЕПИСКОП ФЕОФИЛАКТ ЩРИГЪЭКIУЭКIАЩ СПАССКЭ СОБОРЫМ

05.04.2026
Просмотры: 704

2026 гъэм мэлыжьыхьым и 4-м, мэлыжьыхьым и 5-м пщэдджыжьым, Тхьэр Иерусалим щыдыхьам и махуэшхуэм, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт махуэшхуэ тхьэлъэIурэ тхьэлъэIу литургиерэ щригъэкIуэкIащ Пятигорск къалэм и Спасскэ кафедральнэ соборым.

 Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ соборым и щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэм щыпсэухэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ.

ТхьэлъэIум хыхьэу икIи Лиутргиер иуха нэужь, архиепископ Феофилакт вербхэр игъэнэхуащ. ТхьэлъэIу литургиеми, ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къеджа нэужьи, Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

 

704
Фотогалерея