ЕССЭНТIЫГУ КЪАЛЭМ И ЩОДЖЭНХЭР ЗЭХУЭСАЩ Я КЪУЭШЫМ ЕХЪУЭХЪУНУ

31.03.2026
Просмотры: 473

2026 гъэм гъатхэпэм и 30-м, щихъ Алексий и фэеплъ махуэм, Пятигорск епархием ЕссэнтIыгу щиIэ благочинием и щоджэнхэр зэхуэсащ Тхьэм и Анэм «Всех скорбящих Радость» тхьэнапэм и цIэр зезыхьэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Стацюк Михаил МелыIычым и махуэмкIэ ехъуэхъуну.

Махуэшхуэ тхьэлъэIу нэужьым ЕссчэнтIыгу округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан унафэщIым иритыжащ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт къыбгъэдэкI хъуэхъур, удз гъэгъа щIыгъуу. Члисэм екIуалIэхэм къыхагъэщащ апхуэдэ гулъытэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр, члисэ зэгухьэныгъэр ягъэбыдэнымкIэ.

Зэгъусэу сурэт зытрагъэха нэужь, Алексий псори иригъэблэгъащ Iэнэм.

 

473