ПЯТИГОРСК ЕПАРХИЕМ И УНЭМ ЩОДЖЭН НЭХЪЫЩХЬЭМ ЛИТУРГИЕ ЩРИГЪЭКIУЭКIАЩ

11.03.2026
Просмотры: 501

2026 гъэм гъатхэпэм и 10-м Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Литургие щригъэкIуэкIащ Пятигорск епархием и унэм и Иверскэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Пятигорск епархием и Административнэ секретариатым и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илия, къардэнхэу Фещенкэ Иоанн, Тростинский Кирилл. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэм щыпсэухэмрэ епархием и управленэм и лэжьакIуэхэмрэ. ТхьэлъэIу нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

 

501
Фотогалерея