2026 гъэм мазаем и 26-м ЕссэнтIыгу Губиным и цIэр зезыхьэ и кадет школ №5-м къыщызэIуахащ «ЛIыхъужьым и партэр», а школыр къэзыуха, дзэ Iуэху хэхам хэта Параскевов Александр и цIэкIэ.
ДНР-мрэ ЛНР-мрэ къулыкъухэр щыщищIэм, ар уIэгъэ хьэлъэ хъури, сымаджэщым дунейм щехыжащ. «100 лет войскам РХБЗ», «Участнику специальной военной операции», «За Отвагу», «Жукова», «За боевые отличия» медалхэр къыхуагъэфэщащ.
Зэхыхьэм хэтащ лIыхъужьым и благъэхэр, Iыхьлыхэр, къалэ Думэм и лIыкIуэхэр, ветеранхэм я Советым щыщхэр.
Пятигорск епархием ЕссэнтIыгу щиIэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан дунейм ехыжам и Iыхьлыхэм яхуэгузэващ, тхьэлъэIум хэтахэм яжрIащ Урыс Чристэн Члисэм и члисэ псоми Тхьэ зэрыщелъэIур, лIыхъужьым и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ Тхьэр къадэIэпыкъуну захуигъэзащ икIи ахэр члисэм иригъэблэгъащ.
***
«ЛIыхъужьым и партэр» — Урысейм и лIыхъужьхэм я цIэкIэ ягъэува дамыгъэщ. А партэм дэсыну хуит ящI еджэным ехъулIэныгъэ щызиIэ еджакIуэхэр, Хэкум ехьэлIа зэхыхьэхэм жыджэру зыкъыщызыгъэлъагъуэхэр.
Параскевов Александр 1994 гъэм фокIадэм и 4-м ЕссэнтIыгу къыщалъхуащ. Губин А. и цIэр зезыхьэ МБОУ «СОШ № 5-м и кадет классыр къиухащ. И щIэныгъэм щыпищащ Кисловодск къэрал техникумым. Москва областым къулыкъу щищIащ, иужькIэ зэгурыIуэныгъэ ирищIылIащ Урысейм зыхъумэжыныгъэмкIэ и Министерствэм, 2014 гъэм хэтащ Москва и Ут плъыжьым щекIуэIка ТекIуэныгъэм и Парадым.