Минеральные Воды къалэм и Никольскэ члисэм и унафэщI щоджэн Чемодуров Кирилл нэщI иным теухуауэ епсэлъащ ОМОН-м и лэжьакIуэхэм.
Щоджэныр чристэн цIыхум и гъащIэм нэщIым щиIэ мыхьэнэм тепсэлъыхьащ. Абы ягу къигъэкIыжащ и мыхьэнэр зэрыиныр. Зэхуэсахэр абы жиIахэм яфIэгъэщIэгъуэну едэIуащ, упщIэхэр ятащ.
УнафэщIым зэхуэсым хэтахэм фIыщIэ яхуищIащ, я къулыкъур, нэщIыр ирахьэкIынымкIэ Тхьэр къадэIэпыкъуну.