БЛАГОЧИННЭМ ФIЭХЪУС ЯРИХАЩ ЗЭХЫХЬЭМ ХЭТХЭМ

03.03.2026
Просмотры: 616

Хэкум и хъумакIуэхэм я махуэм ЕссэнтIыгу къыщызэIуахащ «Пограничный» фэеплъыр, дзэ Iуэху хэхам и лIыхъужьхэм папщIэ.

Зэхыхьэм хэтащ къалэм и Iэтащхьэ Крутников Владимир, Думэм и унафэщI Гавриловэ Валентинэ, администрацэм и лIыкIуэхэр, къэзакъхэр, дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэмрэ абы хэтхэмрэ.

Пятигорск епархием ЕссэнтIыгу щиIэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан зэIущIэм хэтхэм Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и псалъэхэр ялъигъэIэсащ, махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ икIи мамырыгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ зи псэ емыблэжу зыхъумэхэм я фэеплъыр зыщамыгъэгъупщэну захуигъэзащ.

Фэеплъыр ягъэуващ псапэ фондыр, къалэ администрацэр, цIыхухэр я дэIэпыкъуэгъуу.

616
Фотогалерея