ДУНЕЙМ ЕХЫЖА ПАСТЫРЫР ЧЛИСЭМ ПЭГЪУНЭГЪУУ ЩIАЛЪХЬЭЖАЩ

27.02.2026
Просмотры: 1025

2026 гъэм мазаем и 25-м, КъШР-м и Курджиновэ къуажэм и Свято-Тихоновскэ члисэм и Литургие нэужьым щоджэн нэхъыжь Кудлай Георгий щIалъхьащ. Къулыкъур иригъэкIуэкIащ Къэрэшей-Шэрджэсым и Ищхъэрэ, Ипщэ члисэ округхэм я щоджэн нэхъыжь Кишунов Константин.

Щоджэн нэхъыжь Георгий и псэр зэгъэн папщIэ Тхьэ елъэIуащ дунейм ехыжам и унагъуэр, и благъэхэр, Iыхьлыхэр, екIуэлIапIэм кIуэхэр. Дунейм ехыжа пастырыр члисэм и Iэгъуэблагъуэм щыщIалъхьэжащ.

Георгий и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ хуэгузэващ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт.

 

1025
Фотогалерея