«Лик Кавказа» хъыбарегъащIэ-публицист газетым и 212-нэ номерыщIэм щытопсэлъыхь «Возможности для защитников Отечества» зэхыхьэм. Абы хэтащ Горячеводскэ зэгухьэныгъэм щыщ къэзкъхэр.
Зеленчукскэ станицэм и къэзакъ тхьэрыIуэр зэрырагъэкIуэкIам теухуа хъыбари абы къыщыхьащ.
Газетым къыщыхьащ схииеромонах Стефан (Игнатенко) щыщIалъхьэжа щIыпIэм деж щрагъэкIуэкIа къулыкъум теухуа тхыгъэ. Абы хэтащ Кисловодск къалэм и къэзакъхэр.
ХъыбарегъащIэ-публицистикэ газетым и етIуанэ къыдэкIыгъуэм къытехуащ Епархием и «Отчизны верный сын» XII щIэныгъэ-практикэ конференцэм хэта, Пятигорск къалэм щыщ Зинеевэ Станиславэ и рефератым щыщ Iыхьэ.
Хабзэ зэрыхъуауэ къыдэкIыгъуэм тетщ Тэрч, Кубань къэзакъыдзэхэм я гъащIэм теухуа хъыбархэр, Пятигорск, Черкесск епархием щыщхэр.