2026 гъэм мазаем и 21-м Пятигорск епархием и Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и благочиннэ щоджэн Якушев Александр тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Исправнэ станицэм и Михайловскэ члисэм.
ТхьэлъэIу нэужьым благочиннэм екIуэлIапIэм кIуэхэм яригъэцIыхуащ я унафэщI щоджэн Субтельный Иоанн.
ЕкIуэлIапIэм кIуэхэр гуапэу IущIащ унафэщIым. Щоджэным фIэхъус ирихри, КъШР-м и Зеленчукскэ щIыналъэм и Iэтащхьэ Брыкинэ Маринэ гугъэ ищIащ щоджэн щIалэм и лэжьыгъэхэм я фIыгъэкIэ станицэм и екIуэлIапIэм ехъулIэныгъэхэр иIэну, ефIэкIуэну.