АНЭХЭМ ПАПЩIЭ УНЭМ ЩЫТЕПСЭЛЪЫХЬАЩ УНАГЪУЭМ И УРЫСЕЙПСО ТХЬЭМАХУЭМ И МАХУЭШХУЭМ ЗЭРЫЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫРЫМ

22.02.2026
Просмотры: 390

 «7Я ФЕСТ» щекIуэкIынущ 2026 гъэм накъыгъэм и 24-31-хэм Урыс чристэн Члисэм и епархие псоми. Ар траухуэнущ сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм.

Пятигорск епархием щагъэхьэзырынущ унагъуэ фестиваль ин. Ар я унафэм щIэтщ щоджэн нэхъыжь, щоджэнхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щыщхэм мылъкурэ социальнэ IуэхукIэ дэIэпыкъунымкIэ и комиссэм и унафэщI Еланцев Сергий. ЗэIущIэм хэтащ епархием и къудамэхэм, социальнэ Iуэхухэр зыгъэзащIэхэм я унафэщIхэр.

 ЗэIущIэм хэтахэм къагъэлъэгъуащ къызэрагъэпэщыну зэхыхьэхэр икIи дэтхэнэмкIи жэуаплыныгъэ зыхьхэр къагъэлъэгъуащ. ЗэIущIэм къыщыхалъхьа Iуэхухэр хуагъэхьынущ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт.

***

Фестивалыр къызэгъэпэщыныр къыхалъхьащ Урыс чристэн Члисэм унагъуэр хъумэнымкIэ зэгухьэныгъэ 2024 гъэм яухуам и Ассоциацэм и гъусэу. Фестивалым и мыхьэнэр: урыс унагъуэхэм лъагъуныгъэрэ мамырыгъэрэ щыухуэныр, бынунагъуэшхуэм и лъапIэныгъэхэр, унагъуэ хабзэхэр гъэбыдэныр, адэ-анэхэмрэ я бынхэмрэ гуапагъэм щIэпIыкIыныр. «7Я ФЕСТ» унагъуэр лъапIэныгъэ нэхъыщхьэу зылъытэхэм я зэIущIапIэщ.

Пятигорск епархием «7Я ФЕСТ» етIуанэу щекIуэкIынущ. 2025 гъэм накъыгъэм и 31-м ЕссэнтIыгу уэндэгъухэмрэ бын зыщIыгъу анэхэмрэ я центрым Щихънагъ Феофилакт тхьэлъэIукIэ къыщызэIуихауэ щытащ ар.

 

390
Фотогалерея