ЩЫХУАГЪЭГЪУ ТХЬЭМАХУЭМ ПАСТЫР НЭХЪЫЩХЬЭР СПАССКЭ СОБОРЫМ ЩЫIУЩIАЩ

23.02.2026
Просмотры: 556

2026 гъэм мазаем и 21-м, гъэшхэкI щамышх тхьэмахуэм, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Пятигорск къалэм и Спасскэ кафедральнэ соборым тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ соборым и щоджэнхэм. Щоджэн нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэдэсхэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ.

Мазаем и 22-м, Щыхуагъэгъу тхьэмахуэм, архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Спасскэ соборым члисэм и щоджэнхэм я гъусэу. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къыщыхьахэм къеджа нэужь, Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

556
Фотогалерея