ЩIАЛЭГЪУАЛЭ ИНКЛЮЗИВНЭ СРЕТЕНСКЭ БАЛЫР ЩЕКIУЭКIАЩ ЕССЭНТIЫГУ

14.02.2026
Просмотры: 491

2026 гъэм мазаем и 13-м щIалэгъуалэ инклюзивнэ Сретенскэ балыр щекIуэкIащ ЕссэнтIыгу къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм.

Чристэн щIалэгъуалэм я махуэр балым щагъэлъэпIэну етIуанэу зэхуэсащ епархием и «ДыгъафIэ къалэ» центрым и нэIэм щIэтхэр, курыт, коррекцэ школхэм я еджакIуэхэр, СГПИ-м ЕссэнтIыгу щиIэ къудамэм и студентхэр.

 Махуэшхуэр къызэзыгъэпэщахэм фIэхъус ярихащ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт.

Щихънагъыр гуапэу ехъуэхъуащ ныбжьыщIэхэм я махуэшхуэмкIэ икIи къигъэгугъащ IуэхумкIэ дэIэпыкъуну, етIанэгъэ балым хьэщIэ нэхъыбэ къыхашэну.

 

491
Фотогалерея