ЩИХЪНАГЪЫМ ЛИТУРГИЕ ЩРИГЪЭКIУЭКIАЩ ЕПАРХИЕМ И УНЭМ

11.02.2026
Просмотры: 525

2026 гъэм мазаем и 10-м Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Пятигорск епархием и Иверскэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Пятигорск епархием и Административнэ секретариатым и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илия, къардэнхэу Фещенкэ Иоаннрэ Тростинский Кириллрэ. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ епархием и унэм и лэжьакIуэхэмрэ къалэ-зыгъэпсэхупIэм щыпсэухэмрэ. Литургие нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

 

525
Фотогалерея