АРХИЕПИСКОП ФЕОФИЛАКТ: «ЩIАЛЭГЪУАЛЭР КЪЫХУЗОДЖЭ КЪЭРАЛЫМ И ТХЫДЭР ЯДЖЫНУ»

06.02.2026
Просмотры: 476

Сыт суверенитетыр зищIысыр икIи ар дауэ зэрыпхъумэнур? Пятигорск къыщызэIуахащ гъэлъэгъуэныгъэ щIэщыгъуэ.

2026 гъэм мазаем и 5-м «Россия – Моя история» тхыдэ паркым къыщызэIуахащ «Защита суверенитета Российского государства. История и современность» выставкэр.

Ар студентхэр, щIэныгъэлIхэр, щоджэнхэр, къэзакъхэр зэкъуэзыгъэува Iуэху инщ. Выставкэм сурэт гъэщIэгъуэнхэр, дэфтэр тхыгъэхэр, кинохроникэм щыщ кадрхэр хагъэхьащ.

ЛъапIэныгъэхэр хъумэным и мыхьэнэм тепсэлъыхьащ зэхыхьэм и хьэщIэ лъапIэхэр: Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я  архиепископ Феофилакт.

«ЩIалэгъуалэр къыхузоджэр къэралым и тхыдэм зыщагъэгъуэзэну, лъэпкъхэм я лъапIэныгъэхэр яхъумэну. Аращ ди къарури къэкIуэнури зэлъытар».

ЩIыналъэм ис муслъымэнхэм я управленэм и муфтийм и къуэдзэ Хъубий Эльдар:

 «ЩIэблэм я дежкIэ мыпхуэдэ зэхыхьэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. ЩIалэгъуалэм жэуаплыныгъэ ин я пщэ къыдохуэр тхыдэ фэеплъхэр хъумэнымкIэ».

Студентхэм зыщрагъэплъыхьащ Пятигорск и еджапIэ нэхъыщхьэхэм. Гъэлъэгъуэныгъэр гъатхэпэм и пэ пщIондэ зэхэтынущ.

 

476
Фотогалерея