2026 гъэм мазаем и 4-м Лермонтовэ щIыналъэм и колледжым щекIуэкIащ студентхэм я зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ къэралым лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ и цIыхухэм ныбжьэгъугъэ я зэхуаку дэлъу зэрыщыпсэум.
Нэхъыщхьэу ахэр щIэупщIащ: лъэпкъ куэд щыпсэу Урысей къэралыгъуэм исхэр сыт зэкъуэзыгъэувэр? ЗэIущIэм хэтахэр тепсэлъыхьащ тхыдэм уриплъэжмэ, урысхэм къэралыгъуэр ухуэным хэлъхьэныгъэ зэрыхуащIам, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэр зэгурыIуэнымкIэ урысыбзэр къазэрадэIэпыкъум. Псори арэзы техъуащ нэгъуэщI лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ бзэмрэ пщIэ яхуэщIын зэрыхуейм.
Студентхэм я пащхьэм къыщыпсэлъащ Пятигорск епархием Лермонтов щиIэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фаустов Константин. Абы жиIащ къэралым и лъэпкъыу ущытыным жэуаплыныгъэ ин зэрыпылъыр, къэралым къулыкъу хуэпщIэну гукъыдэж уиIэн зэрыхуейр. Зэкъуэтыныгъэр абы и псалъэмкIэ цIыхум, абы и фIэщхъуныгъэм, хабзэхэм пщIэ хуэщIынырщ.
Зэхыхьэм щытепсэлъыхьащ къэралым и унафэ нэхъыщхьэр – Конституцэр – Урысейм щыпсэу лъэпкъ псоми я зэкъуэтыныгъэр хъумэным зэрыхуэгъэпсам. ЗэIущIэм хэтхэм къыхагъэщащ унафэхэм, чристэн, муслъымэн динхэм я лъапIэныгъэхэр зэрызэтехуэр: цIыхум Тхьэм, цIыхухэм, Хэкум я деж жэуаплыныгъэ щаIэу зэрагъасэр.
Зэхыхьэр щIэщыгъуэ хъуащ. Студентхэм жыджэру упщIэхэр ятащ. Куэдым жаIащ Хэку лъагъуныгъэр ину упсэлъэныркъым, атIэ гъунэгъухэм пщIэ яхуэщIынырщ, уи IуэхущIафэхэмкIэ жэуаплыныгъэ пхьынырщ, къэралым и гъащIэр егъэфIэкIуэным хэлъхьэныгъэ хуэщIынырщ.