СТАНИЦЭМ ЯГУ КЪЫЩАГЪЭКIЫЖАЩ ПОЛИТИКЭ ЗАЛЫМЫГЪЭ ЗРАХАХЭР

30.01.2026
Просмотры: 348

КъБР-м и Котляревскэ станицэм, Георгий кавалерыр зыхуагъэфэща къэзакъхэм я фэеплъым и гупэм деж пэкIу щызэхэтащ, политикэ залымыгъэ зраха къэзакъхэм я фэеплъу. Къэзакъхэр ягу къагъэкIыжыну зэхуэсащ станицэм и Покров члисэм и унафэщI щоджэн Арманов Николай, къэзакъхэр, зауэм и ветеранхэр, щIыпIэ самоуправленэм и депутатхэр, музейм и лэжьакIуэхэр, еджакIуэхэр, егъэджакIуэхэр. ПэкIур зэгъусэ тхьэлъэIукIэ зэхуащIыжащ.

348