«Россия-Моя история» музей комплексым щекIуэкIащ щоджэн Хлынов Кириллрэ Пятигорск къалэм и университетым «Журналист» унэтIыныгъэм щыхуеджэ студентхэмрэ я зэIущIэ. Щоджэныр къытеувыIащ Хъуромэ махуэшхуэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэм, чристэн унагъуэр къыщIызэрагъэпэщым, абы зэрызрагъэужьым. IэщIагъэм теухуа Iуэхугъуэхэми тепсэлъыхьащ. Журналистхэм зыхащIыкIащ чристэн хьэл-щэнхэр хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм щылажьэкIи езым я напэкIуэцIхэм дежи зэрыщахъумэнур.