ЩОДЖЭНЫМ ФIЭХЪУС ЯРИХАЩ ЕГЪЭДЖАКIУЭХЭМ

23.01.2026
Просмотры: 472

ЕссэнтIыгу щызэхалъхьэжащ «Илъэсым и егъэджакIуэ – 2026» урысейпсо зэпеуэм и Iыхьэм кърикIуахэр. Къалэм и зэпеуэм щытекIуа егъэджакIуэхэм я зэфIэкIхэмрэ Iэзагъэмрэ, я IэщIагъэм зэрыхуэпэжыр къыщагъэлъэгъуащ «ЕгъэджакIуэ нэхъыфI -2026», «ЕгъэджакIуэ дебют» унэтIыныгъэхэм.

Пантелеимоновскэ члисэм и унафэщI щоджэн Журавлёв Михаил махуэшхуэм и егъэджакIуэхэмрэ и хьэщIэхэмрэ фIэхъус щарихым, щIэблэм я гъэсэныгъэмрэ зыужьыныгъэмкIэ егъэджакIуэм и мыхьэнэр къыхигъэщащ икIи къыхуриджащ сабийхэмрэ я дерсымрэ хуаIэ лъагъуныгъэр егъэджакIуэм и IэщIагъэм и лъабжьэу къэнэжыну.

472