МУЗЫК ШКОЛЫМ ХЪУРОМЭ КОНЦЕРТ

17.01.2026
Просмотры: 475

Пятигорск епархием и Кисловодск округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн игъэнэхуащ Рахманинов С. В. и цIэр зэрихьэу Кисловодск къалэм щыIэ Сабий музыкэ школыр. Апхуэдэу хэтащ Хъуромэ концертым, сабийхэм колядкэхэмрэ уэрэдхэмрэ щыжаIам, Христос щагъэлъэпIам.

Концерт нэужьым музыкэ школым и унафэщI Николаев Александр Иоанн фIыщIэ хуищIащ гулъытэ къазэрыхуищIамрэ къазэрыдэIэпыкъуамрэ папщIэ, музыкэ школыр капитальнэу щызэрагъэпэщыжым егъэджэныгъэ Iуэхухэр къызэрагъэпэщынымкIэ.

Щоджэным школыр игъэнэхуащ, Чристэн гимназием и еджакIуэхэм унафэщIым гъэсэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ Синявская Татьянэ и унафэм щIэту уэрэд щыжаIам.

ЕджакIуэхэмрэ музыкэ школым и еджакIуэхэмрэ защыхуигъазэм, благочиннэм къыхуриджащ зэфIэкI зиIэхэм заузэщIыну, Тхьэм зэпымыууэ зыхуагъэзэну, егъэджэныгъэми гъащIэми къащыдэIэпыкъуну.

 

475