Хъуромэ махуэхэм щоджэн Хлынов Кирилл тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ «Машук» ОМОН-м и гупыр щызэхуэсам. ТхьэлъэIу нэужьым щоджэныр зауэлIхэм яхутепсэлъыхьащ Христос и Хъуромэ махуэшхуэм и тхыдэм, мы махуэхэм къабзагъэр япэ игъэщын зэрыхуейр къыхигъэщащ, зауэлIхэр зыщIэупщIахэм жэуап иритащ.