ЩОДЖЭНЫР ЕХЪУЭХЪУАЩ САБИЙ УНЭМ И ГЪЭСЭНХЭМ

01.01.2026
Просмотры: 425

Дыгъэгъазэм и иужьрей махуэхэм Кисловодск къалэ-зыгъэпсэхупIэм и Крестовоздвиженскэ члисэм и щоджэн Лиманов Гермоген «Метанойя» псапащIэ гупым хэтхэм щIыгъуу ИлъэсыщIэмкIэ ехъуэхъуащ Кисловодск и сабий унэ №31-м и гъэсэнхэр.

Махуэшхуэ зэIущIэм хэтащ къалэ-зыгъэпсэхупIэм и Iэтащхьэ Моисеев Евгений, къалэ Думэм и унафэщI Волошинэ Любовь.

Щоджэныр ИлъэсыщIэр мыхьэнэ иIэу ягъэкIуэну, ефIэкIуэну ехъуэхъуащ. Георгий гъэсэнхэр къыхуриджащ ихъуреягъыр я гулъытэ щамыгъэщIэну, хуэныкъуэм дэIэпыкъуфу, Iуэху зэIумыбзхэм гулъытэ хуащIу.

Сабийхэм махуэшхуэ концерт хьэщIэхэр ирагъэплъащ. Артист ныбжьыщIэхэр усэ къеджащ, щIымахуэ таурыхъым, илъэсыщIэ телъыджэм теухуауэ. Пятигорск епархием и Кисловодск округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн ехъуэхъуащ икIи саугъэтхэр яритащ.

Зэгъусэу сурэт зытрагъэхащ, шей ефащ.

 

425