ЩИХЪНАГЪЫР ЕХЪУЭХЪУАЩ АНЭХЭМРЭ ЕПАРХИЕМ И ЛЭЖЬАКIУЭХЭМРЭ

31.12.2025
Просмотры: 750

2025 гъэм дыгъэгъазэм и З0-м Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Пятигорск епархием и Иверскэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ епархием и Попечительскэ комиссэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Еланцев Сергий, къардэнхэу Галумов Максимрэ Тростинский Кириллрэ. ТхьэлъэIум хэтащ епархием и унэм и лэжьакIуэхэр, Пятигорск щыпсэухэр, бын куэд зиIэ анэхэр, зи щхьэгъусэ зимыIэжхэр.

Литургие нэужьым Щихънагъыр гуапэу епсэлъащ анэхэм, Пятигорск епархиер илъэс 15 щрикъум ирихьэлIэу къыдагъэкIа 2026 гъэм  и махуэгъэпсыр ягъэлъэгъуащ. Архиепископ Феофилакт епархием и гъащIэр къыщыгъэлъэгъуа сурэтхэм еплъащ.

А махуэм Пастыр нэхъыщхьэр Пятигорск епархием и лэжьакIуэхэм ехъуэхъуащ къэблагъэ махуэшхуэхэмкIэ. Щоджэн нэхъыщхьэм фIыщIэ хуищIащ епархием и лэжьакIуэхэм, я унагъуэхэм гуфIэгъуэ илъыну захуигъэзащ, саугъэтхэр яритащ.

 

750
Фотогалерея