КЪЭЗАКЪ ЩЭНХАБЗЭР ФIЫУЭ ЗЫЛЪАГЪУХЭМ Я ЗЭГУХЬЭНЫГЪЭМ ИЛЪЭСЫМ КЪРИКIУАХЭР ЗЭХАЛЪХЬЭЖАЩ

30.12.2025
Просмотры: 424

2025 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м Пятигорск епархием и унэм щекIуэкIащ къэзакъ щэнхабзэр фIыуэ зылъагъухэм я Тэрч зэгухьэныгъэм и иужьрей зэIущIэ. Зэгухьэныгъэм хэтхэр зэхуэсащ ТОЛКС-р илъэси 10 ирикъуа нэужь. Ар 2015 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м къызэрагъэпэщащ.

Фондым и унафэщI Губенкэ Олег отчетыр утыку кърихьащ икIи Тэрч зэгухьэныгъэр къыщызэрызэрагъэпэща илъэсипщIым къриубыдэу зэхыхьэ куэд ирагъэкIуэкIащ. Апхуэдэщ Пятигорск епархием и гъусэу ирагъэкIуэкIа Евдокимовскэ, Губин къеджэныгъэхэр. Апхуэдэу шы зекIуэ епщыкIущанэр екIуэкIащ. Тэрч къыдэкIыгъуэм и епщыкIущанэри дунейм къытехьащ. Кумэ псыежэхым деж Минераловодскэ зэгухьэныгъэм и къэзакъхэм къыщызэрагъэпэщ сабий лагерым щIэупщIэ иIэ хъуащ.

Япэу мы гъэм зэхэтащ Успенскэ Второафонскэ Бештаурскэ цIыхухъу кулъшырыфым и зэIущIэ. Мы гъэм зэхыхьэм хэтащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Клычников Юрэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Савенкэ Сергей. Къэзакъхэм зыщагъэгъуэзащ къулъшырыфым и тхыдэм, хабзэхэм. Архиепископ Феофилакт къыхилъхьащ гъэ къакIуэ апхуэдэ зэIущIэ къулъшырыфым щрагъэкIуэкIыну, щIэныгъэлIхэр кърашалIэу.

Пастыр нэхъыщхьэм Наурскэ станицэм 1774 гъэм щалъэгъуа щихъ апостолхэу Варфоломейрэ Варнавэрэ я тхьэнапэр и пащхьэм щагъэуващ. Наурскэ къэзакъ бзылъхугъэхэр тыркухэм зэрытекIуар ягу къагъэкIыжащ, абы щихъхэу Варфоломейрэ Варнавэрэ ар я нэгу зэрыщIэкIар щIэдзапIэ зэрыхуэхъуар. Москва тхьэнапэр щагъэхьэзыращ а Iуэхугъуэм теухуауэ. Иджы ар ягъэлъапIэ наурскэ къэзакъхэм я махуэшхуэу. Москва щагъэхьэзыра тхьэнапэр щихънагъ Феофилакт иратащ.

Тэрч щэнхабзэр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэр мы гъэм япэу хэтащ къэзакъ эмиграцэм теухуауэ дэфтэр тхыгъэхэмкIэ аукционым. Зэгухьэныгъэм и дежкIэ а тхыгъэхэр пщIэншэщ, тхыдэ щIэныгъэмрэ тхылъ тедзэнымрэ я лэжьыгъэм щыщ Iыхьэщи. ПсапащIэхэр къадэIэпыкъуащ а дэфтэрхэр къащэхунымкIэ.

Гъэ къакIуэ я мурадщ Тэрч къыдэкIыгъуэ 14-р дунейм къытрагъэхьэну. Ар теухуауэ щытынущ Тэрч конференцэ еплIанэм теухуауэ Минводы дыгъэгъазэм и 6-7-хэм щызэхэтам. Апхуэдэу кубан къэзакъ Елисеев Федор и щIэинхэм щыщ къыдагъэкIынущ. Абы и Iэрытххэм иджыпсту йолэжь.

Зэхыхьэм хэтхэр арэзы техъуащ зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэхэм, унафэщIым и лэжьыгъэхэмрэ ТОЛКС-м и правленэм хэтхэмрэ арэзы техъуащ.

 

 

 

 

424
Фотогалерея