Къэбэрдей-Балъкъэрым закон къыдэзыгъэкI и орган нэхъыщхьэм КъБР-м и Парламентым и унафэщI Егоровэ Татьянэ щригъэкIуэкIащ X Парламент зэIущIэхэр, XXXIV Дунейпсо Хъуромэ щIэныгъэ къеджэныгъэхэм япкъ иткIэ.
Мы илъэсым и темэ хъуар - «Просвещение и нравственность: формирование личности и вызовы времени».
ЗэIущIэм хэтащ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт, КъБР-м ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Сыжажэ Алим, республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат, КъБР-м и федеральнэ инспектор КъуэщIысокъуэ Тимур, Парламентым и депутатхэр, министерствэхэм я унафэщIхэр, дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэр, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и лIыкIуэхэр, КъБР-м и Парламентым и Жылагъуэ советым щыщхэр, жылагъуэ, щIэныгъэ, егъэджэныгъэ, щIалэгъуалэ, щэнхабзэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр.
Пленарнэ зэIущIэм и пэ къихуэу Хъуромэ щIэныгъэ къеджэныгъэхэм хэтхэм зыхагъэгъуэзащ тхылъхэм я гъэлъэгъуэныгъэм, «Современный школьный учебник» къыдэкIыгъуэри хыхьэу. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэмрэ къалэн куэд щагъэзащIэ и республикэ гимназиемрэ я дэIэпыкъуэгъуу.
ЗэIущIэр къызэIуихащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, зэхыхьэм къыщаIэта Iуэхум и мыхьэнэр къыхигъэщу.
Егоровэ Татьянэ жиIащ цIыхухэр зэман зызыужьым щIыгъуу я щIэныгъэм зэрыхагъахъуэр, хъыбархэр зэрызыIэрагъэхьэр, зэрызаузэщIыр. IэмалыщIэхэм я фIыгъэкIэ, спикерым зэрыжиIэмкIэ, щIэ куэд къожьэр. Абыхэм ящыщхэр пыщIащ цIыхум зиужьыныр, и щIэныгъэм хигъэхъуэныр. IэмалыщIэхэм щIэ куэд къадокIуэр абы къызэрилъытэмкIэ. Нэхъыщхьэр щIэныгъэм цIыхум зригъэужьынырщ, лъапIэныгъэхэр, гъэсэныгъэр, щэнхабзэр иримыгъэкIуэтынырщ.
- ЛъапIэныгъэхэмрэ гъэсэныгъэмрэ я лъабжьэу щытын хуейщ ди лъэпкъхэм тхыдэм къриубыдэу къадекIуэкIхэр. Аращ гъэсэныгъэм я лъабжьэр – къыхигъэщащ Парламентым и УнафэщIым.
Егоровэ Татьянэ иджырей егъэджэныгъэм нэхъыщхьэу хэлъыр къигъэлъэгъуащ – гъэсэныгъэ дахэ зыхэлъ, тхыдэ фэеплъхэр зи лъабжьэ, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я хабзэхэм, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм тет, IэмалыщIэхэр зи лъабжьэ щIэныгъэ зиIэ цIыху ягъэхьэзырынырщ.
Архиепископ Феофилакт иджырей зэманым цIыху гъэсэныгъэм и Iуэху зэIумыбзхэм и гугъу ищIащ. Абы къыхигъэщащ гъэсэныгъэм и лъабжьэр щысабийм деж зэрыхалъхьэр, цIыху гъащIэм и гъуазэ хуэхъуу.
Къэпсэлъахэм бжыгъэхэм я лъэхъэнэм траухуащ я псалъэмакъыр. Архиепископ Феофилакт къыхигъэщащ иджырей хъыбарегъащIэ Iэмалхэмрэ IэрыщI интеллектымрэ щIалэгъуалэм я къэкIуэнур зэриубзыхур. IэрыщI интеллектым и щыIэкIэм къытеувыIащ ар, гъэсэныгъэрэ псэкупсэрэ абы зэрыхэмылъыр къыхигъэщу.
Иджырей Iэмэпсымэхэр къэбгъэсэбэпыфу зебгъэсэн хуейщ уи акъылым, щIэныгъэм, гъащIэм ухуитыжын, арыншэу уекIуэкIыфын папщIэ.
Архиепископ Феофилакт Урысейм и Президент Путин Владимир къыхилъхьа псалъэхэм арэзы техъуащ еджакIуэхэр IэрыщI интеллектым кърикIуахэр зэхагъэкIыфу егъэсэн зэрыхуейм теухуауэ, егъэджэныгъэм и лъабжьэхэр яхъумэжу.
Апхуэдэу цIыхум и хьэл-щэн нэхъыфIхэр къагъэлъэгъуащ, напэ, гущIэгъу, фIылъагъуныгъэ жыхуиIэхэр. А лъабжьэхэрщ къэпсэлъам зэрыжиIамкIэ, унагъуэ быдэ, гуп узыншэ къызыхэкIыр, дуней зызыхъуэжым лъапIэныгъэхэр зи лъабжьэ Iуэху зылэжьыфыр.
Сыжажэ Алим и къэпсэлъэныгъэр триухуащ зэкъуэтыныгъэм. Абы ягу къигъэкIыжащ фIэщхъуныгъэмрэ щэнхабзэмрэ теухуа зэщхьэщыкIыныгъэм уризэпэщIэтын хуейкъым, атIэ зыр адрейм ирибджынымкIэ, гуапагъэ блэжьынымкIэ Iэмалу аращ. ЦIыхум и IуэхущIафэхэм и гъэсэныгъэр и гъуджэу зэрыщытыр къыхигъэщащ. ЛъапIэныгъэ зыхэлъыр къызыхэкIаркъым, атIэ гуапагъэмрэ жэуаплыныгъэмрэщ.
Бжыгъэхэм теухуа иджырей Iуэхугъуэхэм къытеувыIащ Сыжажэ Алим. Iэмэпсымэхэр, интернетыр, IэрыщI интеллектыр IэмалыфIу къагъэлъэгъуащ, ар фIыкIи мыхъумыщIагъкIи къэбгъэсэбэп зэрыхъунур къыхигъэщу.
Хъуромэ къеджэныгъэхэм я темэм лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ бгъэдыхьащ КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор, республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мысост Екатеринэ, «Общество русской истории и культуры «Вече» щIыналъэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Литвинов Роман, Сабий творчествэмкIэ «ДыгъафIэ къалэ» академием и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Джаппуевэ Тамарэ, «Знание» урысейпсо зэгухьэныгъэм КъБР-м щиIэ къудамэм и унафэщI Ащхъуэт Алинэ, мас-рестлингымкIэ, сумо, дартс Федерацэм и президент, Урысейм мас-рестлингымкIэ и тренер, КъБР-м сумо, мас-рестлингымкIэ и гупхэм я тренер нэхъыжь, УФ-м пауэрлифтингымкIэ, мас-рестлингымкIэ, сумомкIэ категорие нэхъыщхьэ зиIэ и тренер Гъубж БетIал, урысыбзэмрэ урыс щэнхабзэмкIэ Бэрбэч Хь. и цIэр зезыхьэ щIэныгъэ-егъэджэныгъэ центрым и унафэщI, урысыбзэмрэ бзэ щIэныгъэхэмкIэ кафедрэм и доцент Чайкэ Надеждэ, гъэсэныгъэмкIэ унафэщIхэм я чэнджэщэгъухэр Лэскэн щIыналъэм щызезыгъакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэм и жылагъуэ зэгухьэныгъэм адыгэ щIалэгъуалэм зегъэужьынымкIэ и «Черкесский ренессанс» зэгухьэныгъэм и унафэщI Жылэгъащтэ Хьэчим.
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат щIэблэр зэфIэувэным теухуа Iуэхухэм тепсэлъыхьащ. Апхуэдэщ IэрыщI интеллектыр. Абы и щытыкIэр, и фIагъри къыпэкIуэнкIэ хъуну шынагъуэри къигъэлъэгъуащ.
Хъубий М. фIыщIэ яхуищIащ гъэсэныгъэ Iуэхум хэта дэтхэнэми – министерствэхэм, жылагъуэм, псом хуэмыдэу спорт IуэхущIапIэхэм. Унагъуэм, адэ-анэхэм трагъэщIащ нгэхъыбэу. Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэм къигъэлъэгъуащ унагъуэр гъэсэныгъэм и лъабжьэу зэрыщытыр икIи къыхигъэщащ адэ-анэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ зэкъуэту абы телэжьэн зэрыхуейр, мыхьэнэ къыпэкIуэн папщIэ. Хъубий Марат зэрыжиIамкIэ, а зэгухьэныгъэр зэкIэ ирикъуу лажьэркъым. Адэ-анэхэм зэрадэлэжьэну нэгъуэщI бгъэдыхьэкIэ къагъуэтыну захуигъэзащ.
Зэхыхьэм дамыгъэ лъапIэхэр щратыжащ Парламент зэIущIэхэр илъэсипщI зэрырикъум и щIыхькIэ. КъБР-м и Парламентым и щIыхь тхылъыр иратащ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт, щIалэгъуалэм я гъэсэныгъэм, дин зэмылIэужьыгъуэхэм итхэм я зэхуаку зэгурыIуэ илъыным илъэс куэд хъуауэ хэлъхьэныгъэ зэрыхуищIым папщIэ. Егъэджэныгъэм, щэнхабзэм, щIэныгъэ зэгухьэныгъэхэм, щоджэнхэм фIыщIэ хуащIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым, щIыналъэ Парламент зэIущIэхэр къызэгъэпэщынымрэ егъэкIуэкIынымрэ жыджэру зэрыхэтам папщIэ.
Егоровэ Татьянэ иратащ Пятигорск, Черкесск еапрхием и «За труды на благо Пятигорской епархии» дыжьын медалым и етIуанэ нагъыщэр. КъБР-м и Парламентым егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, физкультурэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и УнафэщI Емуз Нинэ къыхуагъэфэщащ Архиерей щIыхь тхылъыр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и хъуромэ зэIущIэхэр къызэгъэпэщынымрэ егъэкIуэкIынымрэ хэлъхьэныгъэ зэрыхуищIам папщIэ. Епархием и фIыщIэ тхылъыр иратащ закон къыдэзыгъэкI органым и депутатхэмрэ щIэныгъэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэмрэ.
Апхуэдэу къыхагъэщащ егъэджэныгъэмкIэ, илъэс 20 иримыкъуа сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ ядэлэжьэнымкIэ «За нравственный подвиг учителя» урысейпсо зэпеуэм щытекIуахэр зэрагъэлъэпIар. Архиепископ Феофилакт щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ иритыжащ урысыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэу Диденкэ Ольгэ (Александровскэ станицэм и школ 3-нэ), Щомахуэ Ларисэ (Тэрч къалэм и школ №2-нэ), тхыдэмкIэ егъэджакIуэ Тэнащ Залинэ (Урыху къуажэм и школ 1-нэ), Благовещенскэ къуажэм и лIыкIуэхэу инджылызыбзэмкIэ егъэджакIуэ Жашуевэ Хьэуарэ тхыдэмкIэ егъэджакIуэ ПщыцIыкIу Джульеттэрэ.