КЪШР-М И ПАРЛАМЕНТЫМ ЩЕКIУЭКIАЩ ЕПАРХИЕМ И ХЪУРОМЭ ЩIЭНЫГЪЭ КЪЕДЖЭНЫГЪЭХЭР

26.12.2025
Просмотры: 378

КъШР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я сайтым хъыбар къызэрыщыхьамкIэ, Къэрэшей-Шэрджэсым и ЦIыхубэ Зэхуэсыр епщIанэу зэхыхьащ. Хъуромэ щIэныгъэ къеджэныгъэхэм япкъ иткIэ иджырей Iуэху зэIумыбзхэм теухуа я Iуэху еплъыкIэхэр къагъэлъэгъуащ. Мы гъэм тепсэлъыхьащ «Просвещение и нравственность: формирование личности и вызовы времени» темэм.

Зэхыхьэм хэтащ – Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт, муфтий, КъШР-м и ДУМ-м и УнафэщI Ерчэн Мухьэммэд-Хьэжы, КъШР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я УнафэщIым и япэ къуэдзэ Пивоваровэ Надеждэ, КъШР-м и Парламентым и депутатхэр, щоджэнхэр, егъэджакIуэхэр. Абыхэм фIэхъус ярихащ КъШР-м и Парламентым и спикер Иванов Александр. Абы къыхигъэщащ къэралым и жылагъуэ гъащIэм егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ мыхьэнэшхуэ зэрыщаIэр:

- Псом хуэмыдэжу нобэ мыхьэнэ иIэщ щIалэгъуалэм хъыбархэр зыхуэдэр зыхагъэкIыным икIи абы теухуа я еплъыкIэр къащтэным. ЗэхъуэкIыныгъэхэм я зэманым лъапIэныгъэхэр хъумэным мыхьэнэ иIэщ, лъэпкъым и хьэл-щэныр зыхуэдэр зэлъытэжахэр, нэхъыжьхэм я хъугъуэфIыгъуэхэр щIэблэм я деж нэхьэсынырщ. Жылагъуэм и къалэныр – егъэджакIуэхэм я IэмалыщIэхэр, егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ ехьэлIауэ зэманым декIу Iэмэпсымэхэр къэгъэсэбэпынырщ, лъапIэныгъэхэм хуаIэ пыщIэныгъэхэр хъума хъуным пылъу. Гъэсэныгъэм и Iэмэпсымэ нэхъыщхьэу щапхъэу къонэж – адэ-анэхэр, щоджэныр, егъэджакIуэр, гъэсакIуэр.

Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я  архиепископ Феофилакт къыхигъэщащ лъапIэныгъэхэр хъумэным иджырей Iэмэпсымэхэм я зэманым мыхьэнэшхуэ зэриIэр, IэрыщI интеллектыр цIыхум и псантхуэм, псом хуэмыдэу сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ зэран зэрахуэхъур:

- IэрыщI интеллектым псэ хэткъым, абы лъагъуныгъэ хуэщIкъым, гузави иIэкъым. Гуапагъэр, захуагъэр, нэхъыжьым пщIэ хуэщIыныр, хэкур фIыуэ лъагъуныр, абы къулыкъу хуэщIэныр псоми я зэхуэдэ къалэнщ.

Къэрэшей-Шэрджэсым и муфтий Эркенов Мухьэммэд-Хьэжы гу лъаригъэтащ къухьэпIэм и зэран къызэрыдэкIым, ди щIэблэм абы гу зэрылъатар, гугъэ ищIащ Урысейм дунейр къригъэлыну, Президент Путин Владимир и фIыгъэкIэ лъапIэныгъэхэр зэрытхъумэжыр – унагъуэр, фIэщхъуныгъэр, къэралым щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр. Дзэ Iуэху хэхам зауэлIхэм ди псэкупсэ лъабжьэхэмрэ хабзэхэмрэ щахъумэ.

 «И щхьэм теухуа Iуэхугъуэхэр, сабийр зыгъэгузавэр цIыхум – адэ-анэм, егъэджакIуэм, гъэсакIуэм бгъэдилъхьэн хуейщ, атIэ блогер е «Алисэ» мыхъуу. ЦIыхум и дежкIэ нэхъыщхьэр цIыхум епсэлъэнырщ,» - жиIащ Парламентым и лIыкIуэм.

ЗэIущIэм къыщыпсэлъа егъэджакIуэхэр зэдэгуэшащ еджапIэхэм щрагъэкIуэкI гъэсэныгъэ IуэхухэмкIэ.

ЗэIущIэр и кIэм щынэблагъэм Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я  архиепископ Феофилакт фIыщIэ хуищIащ КъШР-м и Парламентым и спикер Иванов Александр илъэс куэд щIауэ зэрыдэлажьэмкIэ икIи тыгъэ хуищIащ «Пятигорск епархиер ефIэкIуэным теухуа и лэжьыгъэм папщIэ» медалым и II нагъыщэр. Апхуэдэу экономикэ пролитикэмкIэ Комитетым и унафэщI Ганшин Алексей – архиерей щIыхь тхылъыр хуигъэфэщащ. ЕгъэджэныгъэмкIэ, сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ ядэлэжьэнымкIэ «За нравственный подвиг учителя»  урысейпсо зэпеуэм щытекIуахэр игъэлъэпIащ хабзэ зэрыхъуауэ. Щихънагъым фIыщIэ хуищIащ егъэджакIуэхэм, щIэблэм я гъэсэныгъэм и мыхьэнэр къыхигъэщу.

 

 

378
Фотогалерея