Исправнэ станицэм и Михайловскэ члисэм и унафэщI щоджэн Якушев Александр хэтащ станицэм дэса, дзэ Iуэху хэхам зи зауэлI къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Просвирин Сергей и фэеплъ дапхъэ.
Исправнэ станицэм и школ №1-м къыщызэIуахащ ар. Абы зрагъэхьэлIащ Зеленчукскэ районым и администрацэм и Iэтащхьэ Брыкинэ Маринэ, Зеленчукскэ, Урупскэ районхэм я дзэ комиссар Меремкулов Тенгиз, Ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Урусов Назбий, егъэджэныгъэмкIэ управленэм и унафэщI Игнатий ипхъу Надеждэ, егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр, лIыхъужьым и ныбжьэгъухэр, къулыкъу къыдэзыщIахэр, и благъэхэр, Iыхьлыхэр.
Просвирин Сергей дзэ Iуэху хэхам хэтащ 2022 гъэм фокIадэм и 23-м щыщIэдзауэ 34-нэ гвардие мотострелковэ бригадэм и Iыхьэм. Урысейм и Президентым и унафэкIэ, «За храбрость» медалым и I нагъыщэр иратащ абы. Станицэм щыпсэуам лIыхъужьыгъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъэгъуащ, и ныбжьэгъухэм защIигъакъуэу. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы и гъащIэр 2024 гъэм дыгъэгъазэм и 18-м къыщызэпыудащ Курскэ областым и Суджанскэ районым и Новоивановкэ къуажэм.
И къулыкъу игъэзащIэу псэзэпылъхьэпIэ щихуахэм къигъэлъэгъуа лIыгъэм папщIэ Сергей (дунейм ехыжауэ) ЛIыхъужьыгъэ орденыр хуагъэфэщащ.
Зэхыхьэм хэтахэр Просвирин Сергей зы дакъикъэкIэ хуэщыгъуащ, удз гъэгъахэр и фэеплъым тралъхьэри.