АРХИЕПИСКОП ФЕОФИЛАКТ: «ХЪЫБАРЫР ЯПЭ ЩIЫКIЭ ЗЭХЭГЪЭКIЫН ХУЕЙЩ »

18.12.2025
Просмотры: 509

2025 гъэм жэпуэгъуэм и 17-м Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт IущIащ Алиев Умар и цIэр зезыхьэ Къэрэшей-Шэрджэс къэрал университетым и студентхэм.

 Щихънагъым къыхилъхьащ иджырей щIалэгъуалэм хъыбархэр зэхагъэкIыну, мыхъумыщIагъэхэм зыщахъумэн папщIэ.

Пастыр нэхъыщхьэм хъыбархэм я фIагъыр, я щхьэпагъыр зэхагъэкIыну чэнджэщ яритащ, зэран къахуэмыхъун папщIэ. Зыгуэрхэм я мыхъумыщIагъэрэ губжьрэ хъыбархэм зэрахэлъынкIэ хъунур ягу къигъэкIыжащ абы, ахэр къащтэн ипэкIэ.

ФIымрэ Iеймрэ зэхэбгъэкIыну апхуэдэу гугъукъым, хъыбарыр щIэщыгъуэу, щхьэпэу щытмэ, я зэран къокIынукъым.

Архиепископ Феофилакт студентхэм я упщIэхэм жэуап иритащ. Щихънагъым литературэ тхыгъищым я цIэ къриIуэну зыхуагъэзащ, цIыху гъащIэм и мыхьэнэр къигъэлъэгъуэну, Члисэ гъащIэм, чристэн фIэщхъуныгъэм теухуа иджырей хъыбарегъащIэ сайтхэр зыхуэдэми, нэгъуэщIхэми щIэупщIащ.

ЗэIущIэм хэтащ университетым и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Чанкаев Мурат, еджапIэм и егъэджакIуэхэр.

 

509
Фотогалерея