ОРДЖОНИКИДЗЕВСКЭ КЪУАЖЭМ ЯГУ КЪЫЩАГЪЭКIЫЖАЩ ТХЬЭМ ПАПЩIЭ БЭЛЫХЬ КУЭД ЗРАГЪЭШЭЧА ВАРВАРЭ

18.12.2025
Просмотры: 532

2025 гъэм дыгъэгъазэм и 17-м, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Варварэ и фэеплъ махуэм, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ КъШР-м и Орджоникидзевскэ къуажэм и Варваринскэ члисэм.

Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгенийрэ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрийрэ я пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къуажэм щыпсэухэмрэ щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэмрэ.

Литургие нэужьым Щихънагъым игъэлъэпIащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Варварэ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

 

532
Фотогалерея