«УРЫС ЧЛИСЭМ И ХЪУМАКIУЭ»

17.12.2025
Просмотры: 480

Дыгъэгъазэм и 16-м пщыхьэщхьэм КИФЩI-м и регентхэмрэ уэрэджыIакIуэхэмрэ я VIII конференцэм щыщ «Хранитель Церкви Русской» Iыхьэр щекIуэкIащ. Концертыр теухуауэ щытащ щихъ Тихон, Москварэ Урысей псомрэ я Патриархыр дунейм зэрехыжрэ илъэси 100 зэрырикъум.

«Хранитель Церкви Русской» макъамэ-литературнэ композицэр Патриарх Тихон и гукъэкIыжхэу ар Дон къулъшырыфым 1922 гъэм накъыгъэм щыщIэдзауэ 1923 гъэм мэкъуауэгъуэ пщIондэ щагъэтIысам и хъумакIуэм къигъэщIэрэщIэжахэрщ, газетхэм къытехуахэм, дэфтэрхэм къыхахыжахэм щыщи яхэту.

 Композицэм и лIыхъужьхэм я  гъусэу, «Россия – моя история» музей-выставкэ комплексым щызэхуэсахэм зыхагъэгъуэзащ Щихъ Патриарх и теплъэм, зэрихьа лIыгъэхэм, урыс цIыхубэм я гупэр фIэщхъуныгъэмрэ Члисэмрэ хуагъэзэжын зэрыхуейм теухуа гупсысэхэм щIагъэдэIуащ.

Концертым хэтащ Пятигорск епархием КъегъэлакIуэ Христос и цIэр зезыхьэ Кафедральнэ соборым и хорыр, регент Кубэ Аннэ, PENTE OROS хор ансамблыр, регентыр Копач Еленэщ, Ставрополь крайм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и цIыхухэу Абгарян Иринэ, Патров Дмитрий.

Зэхуэсахэмрэ фэеплъ концертым и хьэщIэхэмрэ фIэхъускIэ захуигъэзащ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт.

 

 

480
Фотогалерея