ДИН ПАШЭХЭМ Я ЗЭХЫХЬЭР ТРАУХУАЩ ЭКСТРЕМИЗМЫМ ЩIАЛЭГЪУАЛЭР ЩЫХЪУМЭНЫМ

16.12.2025
Просмотры: 507

Урысей МВД-м и ГУ-м и сайтым хъыбар къызэрыщыхьамкIэ, 2025 гъэм дыгъэгъазэм и 15-м щекIуэкIащ управленэ нэхъыщхьэм и унафэщI, полицэм и генерал-полковник Бачурин Сергейрэ щIыналъэм и унафэщIхэмрэ я зэIущIэ. Зэхыхьэм хэтащ округым и дин лэжьакIуэхэм я лIыкIуэхэр, экстремизмым пэщIэтынымкIэ Урысей МВД-м и къэрал IуэхущIапIэм КИФЩI-м щиIэ центрым и лэжьакIуэхэр.

Зэхыхьэм хэтхэр къытеувыIащ щIалэгъуалэр экстремист, террорист Iуэхум хэшэнымкIэ щыIэ мыхъумыщIагъэхэм, къэралкIуэцI органхэм я лэжьакIуэхэмрэ щIыналъэхэм я щоджэнхэмрэ зэрызэдэлажьэр гъэбыдэн зэрыхуейм.

Полицэм и генерал-полковник Бачурин Сергей къыхигъэщащ къухьэпIэ къэралхэм Урысейм къаугъэ къыщагъэхъунымкIэ Кавказ Ищхъэрэр нэхъ къезэгъыу къызэралъытэр, псом хуэмыдэу дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI зэманым.

 Округым и полицэ нэхъыщхьэм къыхигъэщащ Кавказым нэхъапэм щымыIа муслъымэн диным и унэтIыныгъэхэр, Сауд Хьэрыпымрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ нэгъуэщI къэралхэмрэ щызекIуэхэм щыщхэр хэIущIыIу зэрыщыхъур. Никабхэр зэрызэрахьэр, шэрихьэт хабзэхэр щызекIуэ зэрыхъур болъагъу. Бачурин Сергей къыхигъэщащ къэрал хабзэхэр дин хабзэхэмкIэ зыхъуэжыну иужь итхэм хабзэр, къэралым и правовой лъабжьэр къызэрызэпаудыр.

Полицэм и генерал-полковникым къигъэлъэгъуащ Iуэху зэIумыбзхэр, теологие щIэныгъэ зимыIэ имамхэм я Iуэху еплъыкIэ мыхъумыщIэхэр, муслъымэн диным емыхьэлIа узэщIыныгъэхэр зэрыхахьэр, эстремизмым къызэрыхураджэр. Экстремизмымрэ терроризмымрэ балигъыпIэ имыувахэр хашэ, абыкIэ хабзэр къызэпызыудхэм я ныбжьыр нэхъ щIалэ зэрыхъум гу лъыботэр.

Щоджэнхэр къэпсэлъащ а Iуэхум ехьэлIауэ. Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт къыхилъхьащ щоджэнхэм я лIыкIуэхэр, полицэхэм ящыщхэр зыхэт гуп къызэрагъэпэщыну, лъэпкъ, дин лъабжьэ зиIэ зэпэщIэтыныгъэхэр къэмыхъун папщIэ. Апхуэдэу къэпсэлъащ республикэм и муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм я унафэщIхэр, КИФЩIы-м и раввин нэхъыщхьэм и дэIэпыкъуэгъур.

Зэхыхьэм хэтхэр зэдэарэзыуэ арэзы техъуащ зэрызэдэлэжьэнум, лэжьакIуэ гуп къызэрызэрагъэпэщынум, цIыхухэм я къэкIуэнур ягъэбыдэн, социальнэ лъапIэныгъэхэр пхагъэкIын, экстремизмымрэ терроризмымрэ пэщIэтын, КИФЩI-м ис цIыхухэм я псэкупсэ щыIэкIэм зрагъэужьын папщIэ.

 

507
Фотогалерея