СПАССКЭ СОБОРЫМ ЩАГЪЭЛЪЭПIАЩ АР ЗЭРАГЪЭНЭХУАР

15.12.2025
Просмотры: 577

2025 гъэм дыгъэгъазэм и 14-м ягъэлъэпIащ Пятигорск къалэм и Спасскэ кафедральнэ соборыр зэрагъэнэхурэ илъэс пщыкIущ зэрырикъур. ЗэфIагъэувэжа соборыр 2012 гъэм игъэнэхуащ Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл.

Махуэшхуэ тхьэлъэIу литургиер иригъэкIуэкIащ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт соборым и щоджэнхэм я гъусэу. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къыщыхьахэм къеджа нэужь фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Пастыр нэхъыщхьэр екIуэлIапIэм кIуэхэм щепсэлъащ Пятигорск епархием и ЩIалэгъуалэ центрым.

 

 

577
Фотогалерея