Черкесск къалэм индустриемкIэ, ерыскъыпхъэхэмкIэ, туризмымрэ сервисымкIэ и Колледжым псапэ щIэным и Дунейпсо махуэм ирихьэлIэу яхутепсэлъыхьащ абы и мыхьэнэм, дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм Черкесск къалэм и Никольскэ соборым щыдэIэпыкъуным.
Япэ курсым щIэсхэм къащIащ хъару зэIуща сетхэр, окопэ шэху уэздыгъэхэр, шхыныгъуэхэр, шхыIэнхэр, щхьэнтэхэр зэрагъэхьэзырыр.
КъШР-м и ЦIыхубэ фронтым и лIыкIуэ Струговцев Денис къытеувыIащ дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм я лIыгъэм, "История церкви и казачества" музейм щIэлъ хьэпшыпхэм, соборым и щоджэн Гурин Александр тепсэлъыхьащ республикэм и Iэгъуэблагъэм щыIэ псапащIэ гупхэм я лэжьыгъэхэм. ЗэIущIэр и кIэм щынэблагъэм ныбжьыщIэхэм жаIащ дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм ядэIэпыкъуну гукъыдэж зэраIэр.