ЩОДЖЭНЫР АНЭХЭМ ЕХЪУЭХЪУАЩ

07.12.2025
Просмотры: 383

Пятигорск къалэм махуэшхуэ щекIуэкIащ, Анэхэм я махуэм теухуауэ. Ар къызэригъэпэщащ Бзылъхугъэхэм я Советымрэ къалэм и зауэлIхэм я анэхэм я Советымрэ.

Махуэшхуэм и хьэщIащ бын куэд зиIэ анэхэр, дзэ Iуэху хэхам зи щхьэгъусэхэр хэтахэр, дзэ Iуэху хэхам къулыкъу щызыщIэу хэкIуэда зауэлIхэм я унагъуэхэр.

Бзылъхугъэхэм ехъуэхъуащ Пятигорск епархием IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ органхэм, пенитенциарнэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и щоджэн Афанасов Константин.

Щоджэным ягу къигъэкIыжащ епархием и щоджэнхэм зауэлIхэм я нэIэ зэрытрагъэтыр, гуманитарнэ дэIэпыкъуныгъэхэр зэращIэм, сымаджэщхэм зэрыкIуэм, дзэ частхэри хыхьэу.

Епархием и члисэхэм тхьэлъэIухэр щрагъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхам щыIэ зауэлIхэм узыншагъэ яIэн, хэкIуэдахэм я псэр зэгъэн папщIэ. Дзэ Iуэху хэхам хэта зауэлIхэмрэ я унагъуэхэмрэ психологие дэIэпыкъуныгъэхэр хуащIэ.

ЕкIуэлIапIэхэм къабгъэдэкIыу тхьэнапэхэр, шэху уэздыгъэхэр, дин литературэхэр ират полкым и члисэхэм. Апхуэдэу члисэхэм къыщызэрагъэпэщащ хъархэр щызэIуащэ, шэху уэздыгъэхэр щагъэхьэзыр, щыгъын хуабэхэр, хущхъуэхэр  щызэхуахьэс гупхэр.

Апхуэдэу щоджэныр ехъуэхъуащ анэхэм икIи захуигъэзащ я щхьэгъусэхэр, дэлъхухэр, къуэхэр псынщIэу къэкIуэжыну.

 

 

383