Iуэхум хэтхэр IущIащ анэм и махуэм

04.12.2025
Просмотры: 351

2025 гъэм щэкIуэгъуэм и иужьрей махуэм «Православная библиотека» Iуэхум хэтхэр Прохладнэ къалэм и Покров члисэм щызэхуэсащ, Анэхэм я махуэм теухуауэ.

ТхьэлъэIу литургие нэужьым тхьэмахуэ школым щеплъащ режиссёр Сукачев Александр и «Мамино письмо» художественно-документальнэ фильмым. Уэндэгъугъэм теухуа щытыкIэ гугъухэм я хэкIыпIэхэм теухуат ар. Фильмыр псоми гунэс ящыхъуащ икIи абы куэд къыпэджэжащ.

Кином и гугъу щащIым зэхуэсахэм къыхагъэщащ IэщIагъэлIхэм я псалъэхэр, уэндэгъугъэр зэрырагъэкъутэжым теухуауэ.

А махуэ дыдэм тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэр ехъуэхъуащ анэхэмрэ анэшхуэхэмрэ я махуэмкIэ, я IэрыкIхэр тыгъэ хуащIри.

ЗэIущIэр и кIэм щынэблагъэм, члисэм и унафэщI щоджэн Калинин Евгений псоми яритащ Анэхэм я махуэм ирихьэлIэу игъэхьэзыра саугъэтхэр.

 

351