Епархием и лIыкIуэхэр хэтащ Урыс Чристэн члисэм и дзэ щоджэнхэм я I урысейпсо съездым

01.12.2025
Просмотры: 580

Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл и арэзыныгъэкIэ, Смоленск къалэм щэкIуэгъуэм и 25-м щыщIэдзауэ 28 пщIондэ Урыс Чристэн Члисэм дзэ щоджэнхэм я I Урысейпсо съезд зэхэтащ, Лъэпкъ гвардием и лэжьакIуэхэмрэ дзэхэмрэ зи нэIэ тетхэм.

Съездыр IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ органхэм ядэлэжьэнымкIэ Синод къудамэм и унафэщI, Урысей гвардием Смоленскэ областым щиIэ базэм Ставропольскрэ Невинномыскрэ я митрополит Кирилл иригъэкIуэкIащ. Апхуэдэ зэхыхьэ япэу зэхэтащ Урысей гвардиемрэ Урыс Чристэн Члисэмрэ 2024 гъэм гъатхэпэм зэдэлэжьэну япэу Iэ зэрытрадзэрэ. 

Съездыр къыщызэIуахым Урысгвардием и лIыкIуэхэм фIыщIэ хуащIащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ гъэсэныгъэм хуащIа хэлъхьэныгъэхэм папщIэ, дяпэкIи ехъулIэныгъэ яIэну ехъуэхъуащ.

Съездым и лэжьыгъэм хыхьэу щоджэнхэр я Iуэху бгъэдыхьэкIэхэмкIэ зэдэгуэшащ, дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм теухуахэмкIэ, дзэ щоджэнхэм ялэжьхэм къытеувыIащ, дин зэщIэхъееныгъэхэм я Iэмалхэм зэрыпэщIэтынум тепсэлъыхьащ.

Щоджэнхэу дзэ Iуэху хэхам кIуэну зи мурадхэр хагъэгъуэзащ зауэлIхэм я нэIэ зэрытрагъэтынум къытеувыIащ, зауэлIхэм я псэкупсэ, психологие дэIэпыкъуныгъэ зылэжьыну къалэн зыщащIахэм, гугъуехьхэм зэрыпэщIэтынум. Съездым щоджэни 100-м щIигъу щызэхуэсащ Члисэм и епархиехэм щыщу.

Пятигорскэ епархием и лIыкIуэу Съездым хэтащ IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм, пенитенциарнэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Сорокин Константинрэ Кавказ Ищхъэрэ дзэ округым и Лъэпкъ гвардием фIэщхъуныгъэ зиIэ зауэлIхэм ядэлэжьэнымкIэ и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъу щоджэн нэхъыжь Филиппов Андрей.

 

580