тхьэлъэIум щызэхуэсащ псапэ Iуэхум хэтахэр

03.12.2025
Просмотры: 476

Кисловодск къалэм и Пантелеимоновскэ члисэм и фIыщIэ тхьэлъэIум щызэхуэсащ «Метанойя» гупым щыщхэр.

Гъэ къэс псапащIэхэр тхьэлъэIум щызэхуос гупыр къыщызэрагъэпэщам ирихьэлIэу, Тхьэм фIыщIэ хуащIын папщIэ. Зэгъусэ тхьэлъэIур хабзэ дахэ хъуащ, я зэкъуэтыныгъэм, фIэщхъуныгъэм и дамыгъэу. ТхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ гупым я щоджэн нэхъыжь Лагутин Андрей.

ТхьэлъэIу нэужьым зэхуэсым хэтахэр щызэхуэсащ Iэнэм, къапэщылъхэм тепсэлъыхьащ, я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ зэхъуэжащ.

 

 

476